Сурэ 55. Гущiэгъущiыр (iэр рэхьман) — КиберПедия 

Таксономические единицы (категории) растений: Каждая система классификации состоит из определённых соподчиненных друг другу...

Типы сооружений для обработки осадков: Септиками называются сооружения, в которых одновременно происходят осветление сточной жидкости...

Сурэ 55. Гущiэгъущiыр (iэр рэхьман)

2018-01-03 240
Сурэ 55. Гущiэгъущiыр (iэр рэхьман) 0.00 из 5.00 0 оценок
Заказать работу

ГуащIэмрэ гущIэгъумрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ!

 

(1) ГущIэгъущIыращ

(2) КъурIэныр [цIыхум] езыгъэщIар,

(3) цIыхури къэзыгъэщIу

(4) псалъэкIэ, тхэкIэ езыгъэщIар.

(5) Дыгъэмрэ мазэмрэ зэрызекIуэнури иубзыхуащ.

(6) Удзхэми жыгхэми я щхьэр [Алыхьым] хуагъэтIылъ.

(7) Уафэри иIэтри шэчалъэхэри игъэуващ.

(8) захуагъэм фемыбэкъуэн щхьэкIэ.

(9) Тэмэму фышачэ, фшэчми фыкIэрымыпIэскIухьыж!

(10) ЩIыри псэущхьэу къигъэщIам яхуиубгъуащ.

(11) Абы къытокIэ мыщхьэхэри, гулъ зиIэ пальмэхэри,

(12) гъавэ къызыпыкIэ бзийхэри, мэ IэфI къызыпих удзхэри.

(13) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ[569] къивмыдзэр?

(14) Абы цIыхур ятIагъуэ зуум,

(15) жиныр мафIэ бзийм къыхигъэщIыкIащ.

(16) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(17) Ар къуэкIыпIитIым я Т хьэщ, кхъухьэпIитIыми я Тхьэщ[570].

(18) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(19) ХитI зэлъэIэсыр зэхэмыхьэ ищIащ.

(20) Якум [нэрымылъагъу] куутIхэр дигъэуващ, зэхэмылъэдэн щхьэкIэ[571].

(21) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(22) А хитIым къахокI лыIулыIури мэржанри[572].

(23) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(24) Езым и унафэм щIэтщ уардэу, хым щызекIуэ кхъухьхэр.

(25) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра къивмыдзэр?

(26) [ЩIым] тет псори текIуэдыкIыжынурэ

(27) уи Тхьэ лъапIэу щIыхь зиIэм и закъуэщ къэнэнур.

(28) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(29) Уафэхэми щIыми щыIэр Абы йолъэIу; Ар махуэ къэскIи Iуэхум пэрытщ.

(30) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(31) Дэ зэман къэдгъуэтынщ [цIыхумрэ жинымрэ] фи Iуэхур зэхэдгъэкIын щхьэкIэ.

(32) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(33) Уэ жинхэ, уэ цIыхухэ! Фэ уафэхэмрэ щIымрэ я щIыб фихьэн флъэкIынумэ фихьэ! Фэ абы фихьэфынукъым къару фимыIэу.

(34) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(35) Фэ Iугъуэншэ мафIэбзийрэ Iугъуэ Iуврэ къываутIпщынущи, абы фапэлъэщынукъым.

(36) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(37) Уафэр зэгуэудынурэ розэ плъыжьым ещхь хъунущ.

(38) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра къивмыдзэр?

(39) А Махуэм я гуэныхьымкIэ къеупщIыжынукъым цIыхуми жинми.

(40) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(41) ГуэныхьыщIэхэр я теплъэмкIэ къацIыхунурэ, я акIэхэмрэ я лъакъуэхэмкIэ яубыдынущ.

(42) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(43) Мис гуэныхьыщIэхэм пцIыуэ ялъыта жыхьэнмэр!

(44) Ахэр зэм мафIэм, зэм псывэм хадзэнущ.

(45) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(46) И Тхьэм и пащхьэм зэрихьэжынум щышынэм жэнэтитI къылъысынущ

(47) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(48) жыг баринэхэр ярыту.

(49) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(50) Абы псынитI къыщыщIож.

(51) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(52) Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщу лIэужьыгъуэ тIурытI къыщокI.

(53) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(54) Дарий зэрыбза шэнтжьейхэм исхэу, ахэр лъэIэсынущ хадитIми къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэхэм — [апхуэдэу] гъунэгъущи.

(55) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(56) Абы щаIэнущ цIыхуи жини зэмыIуса [хъыджэбз] укIытэххэр.

(57) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(58) Ахэр яхонтымрэ[573] мэржанымрэ хуэдэщ.

(59) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(60) АтIэ фIы зыщIам фIы нэмыщI хуэфащэ?

(61) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(62) А [жэнэтитIым] нэмыщI иджыри жэнэтитI щыIэщ[574].

(63) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(64) щхъуантIэ фIыцIафэхэу.

(65) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(66) Абыхэми псынитI къыщыщIоу.

(67) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(68) Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэри, чыцIыбжьэхэри, гранатхэри [щыкуэдщ].

(69) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(70) Абыхэм [къащыпоплъэ] дэгъуэхэу, дахэхэу,

(71) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(72) нэфIыцIэ хъужахэу шэтырхэм щIэсу,

(73) фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(74) цIыхуи жини зэмыIуса хъыджэбзхэр.

(75) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(76) Алэрыбгъу дахэхэм [телърэ] щхьэнтэ щхъуантIэхэм егъэщIауэ...

(77) Фи Тхьэм и фIыгъуэхэм ящыщу дэтхэнэра фэ къивмыдзэр?

(78) ЩIыхьымрэ лъапIэныгъэмрэ зибэ уи Тхьэр зихуэдэ щымыIэщ!



Поделиться с друзьями:

Типы оградительных сооружений в морском порту: По расположению оградительных сооружений в плане различают волноломы, обе оконечности...

Археология об основании Рима: Новые раскопки проясняют и такой острый дискуссионный вопрос, как дата самого возникновения Рима...

Поперечные профили набережных и береговой полосы: На городских территориях берегоукрепление проектируют с учетом технических и экономических требований, но особое значение придают эстетическим...

Кормораздатчик мобильный электрифицированный: схема и процесс работы устройства...



© cyberpedia.su 2017-2024 - Не является автором материалов. Исключительное право сохранено за автором текста.
Если вы не хотите, чтобы данный материал был у нас на сайте, перейдите по ссылке: Нарушение авторских прав. Мы поможем в написании вашей работы!

0.008 с.